Сценарий литературного вечера "Твори добро, пока живешь", посвященного творчеству кабардинского поэта Б.Кагермазова

Разделы: Внеклассная работа


Ход мероприятия (на кабардинском языке)

1 еджакIуэ

ЗэIутхащи ину еджапIэбжэр,
ЦIыкIуи ини фыкъыдогъэблагъэ.
Ди утыкур хуит фэ ныфхуэтщIащи,
НывжыдоIэ дэ «ФIЭХЪУС АПЩИЙ!»

2 еджакIуэ

Лъэпкъыр зэрыгушхуэу
КЪАГЪЫРМЭС БОРИС!
Нобэ дытегушхуэу
Дыкъызэхуэсащи, мис…

3 еджакIуэ

Утыку къитлъхьэнущ уи Iэзагъыр,
Усэ сатырхэм я пэжагъыр,
Уи адыгэбзэм и къулеягъыр,
ЗэхедгъэщIэнущ гурэ псэкIэ!

4 еджакIуэ

КъызэбнэкIауэ илъэс блыщIыр,
Зэхэтхыгъащи дэ хъыбар,
ДыноплъкIэ… хъущэкъым ди фIэщ,
Ауэ щIы мы зыр уи фIэщ -

1 езыгъ.

Уэ тыгъэу лъэпкъым къытхуэпщIар
Ди сабиипсэм зэхищIащ.
Уи махуэ лъапIэр бдэтIыгъыну
Гупыж дэ нобэ псоми тщIащ.

2 езыгъ. Нобэ лъэпкъ литературэм игъуэта зыужьыныгъэм Къагъырмэс Борис и гуащIи и фIыщIи хэлъщ. Ар жыджэру икIи зэфIэкI иIэу хэлэжьыхьащ адыгэ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм я зыужьыныгъэм.

1 езыгъ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ гур дэзыхьэх усэхэмрэ басняхэмрэ, псэр зыгъэгуфIэ поэмэхэмрэ рассказхэмрэ, сэбэпынагъ зыпылъ литературно-критическэ тхыгъэхэмрэ литературоведческэ лэжьыгъэхэмрэ.

2 езыгъ. Къагъырмэсым и усэ нэхъыфIхэмрэ и поэмэ купщIафIэхэмрэ ди литературэр зыкъомкIэ къагъэщIэрэщIауэ жыпIэ хъунущ. Дэтхэнэ зы усакIуэ нэсми хуэдэу, абы къелъытэ дунейм щекIуэкIхэм, къанэ щымыIэу, езым и Iуэху хэлъу. Дунейм и дэтхэнэ щIыпIэми къыщыIу гуауэр абы и гум джэрпэджэжу къыщоджэж, гуфIэгъуэ гуэр зыщIыпIэ къыщыхъуауэ зэхихамэ, ар абы и псэ къабзэм щоушэ.

1 езыгъ.

КъухьэпIэм нэсу сIэщIэкIыхукIэ,
Си дыгъэр ину сэ згъэблэнщ.
Си хэку, си лъэпкъ дунейм тетыхукIэ-
Си гъащIэр ахэрщ – сымылIэн!
(Къагъырмэс Борис. Тхыгъэхэр.Налшык,19)

2 езыгъ. «Зэманым декIур лIыфIщ», жиIэгъащ Къэзэнокъуэ Жэбагъы. А псалъэр и гъащIэмкIи и творчествэмкIи егъэпэж Къагъырмэсым. Егъэпэж усакIуэм и гущIэ лъапсэм къыбгъэдэкIыу цIыхубэм гунэс ящыхъуа усэхэмкIэ, нэгъуэщI и тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ, и гур, и псэр зыгъэпIейтей гупсысэхэр, гурыщIэхэр цIыхубэм япкърыхьэу зэманым и блэкIами, и нобэми, и пщэдейми пэжу, Iущу зэрытетхыхьымкIэ.

«Дунейм нэщхъыфIэу хуейщ тетын»
(Усэ)
Уужэгъуауэ мы дунейр,
ЖумыIэ зэи: «Хэт къысхуейр?»
Къыпхуейр уэ мащIэ? Мес нэху мэщ.
Къыпхуейщ махуэщIэр, щIы уи фIэщ.
Абы къыпхуехьыр уэ Iуэху куэд.
АтIэ хъун ахэр тебгъэкIуэт?!
Iуэху пщIэныр фIыгъуэщ, ар насыпщ.
Абы хуэбгъазэ хъун уи щIыб?!
ЩIэщыгъуэ гъащIэр пщIын ухуейм-
Лэжьыгъэм щыт ухуэмыхейу,
Уи гуащIэ къихьыр зэфIэгъэкI,
Ар къыумыгъэхъу щебгъэкIуэтэкI.
Узэш , щхьэхынэ уэ ухъуам,
ЗэгъащIэ – арщ уунэхъуау.
Дунейм нэхъыфI къыпхуэгъуэтын,
Абы нэщхъыфIэу хуейщ тетын.

2 езыгъ. 1962 гъэм Борис къалэмыпэм къыщIэкIауэ япэ дыдэ дунейм къытехьащ «ФIэхъус апщий!» сборникыр. Абы къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым усакIуэм езым и лъагъуэ поэзием щыпхищауэ, ерыщу, къэувыIэ имыIэу абы ирокIуэ.

«Лъагъуэ»
(Усэ)
Джэдум хуэдэу, щэхуу
Лъагъуэр губгъуэм пхокI.
Зыри фIэмыIуэхуу
Жыжьэ уишэн лъокI.

Пэжщ, ар нашэкъашэщ,
Бгъузэжь цIыкIущ езыр,
Ауэ ныбжьэгъу пажэ
Къыпхуэхъун хьэзырщ.

Уешэр уздэкIуэнум-
КъэхутакIуэ цIыкIущ.
Хуейщ ар жыIэщIэну,
Хэлъ абы емыкIу?

Сакъщ ар сытым дежи,
УкъыхэмыщтыкI.
Мывэхэм ублешыр,
Псы хуэзам – пхосыкI.
Хьэ самырым хуэдэу,
Уяпэ ит зэпытщ.
Зэми нэм фIокIуэдыр,
ПфIэщIу утемыт.

Удзхэм къыхэмыщу
Мажэ лъагъуэр ущу,
Мажэ лъагъуэр ущу
Махуэу е нэхущу.

ЗыдэкIуэнур ещIэ,
ИIэр зы къалэнщ:
ЦIыхур цIыхум пещIэ,
Ар-тIэ ябгынэн.

(Къагъырмэс Борис)

1 езыгъ.

Сыту уIэфIыщэ уэ, гъащIэ Iубыгъуэ!
Ар къызыгурыIуэм – уэ пщIэ лей къыпхуещI.
КъызгурымыIуэм – тхъэжу псэу и гугъэу
Щытми – мыхьэнэншэу и дунейр къысфIощI.
(Къагъырмэс Борис. Тхыгъэхэр. «ГъащIэ Iубыгъуэ»,нап. 71)

«ГъащIэ уэрэд»
(Усэ)
Жыгыщхьэм пысщи зы бзу цIыкIу,
Къреш уэрэдыр зэпымычу.
ИремыдаIуэ хуейм зы цIыкIу,-
Лъэтэжкъым ар, жыгыщхьэм пыкIыу.
Щытхъу лей а цIыкIур мылъыхъуэн,-
НэгъуэщIщ уэрэд щIигъэIур:
Абы хуэухкъым иIуэтэн
ЗэрыфIыр гъащIэ тIэкIур.

(Къагъырмэс Борис)

2 езыгъ. Борис зыхуэтхэр, зыхуэусэр езыр куууэ зыгъэпIейтей, псэкIэ игъэв Iуэхугъуэхэу щыпсэу зэманым, и гъащIэм нэхъ пэгъунэгъухэрщ. Дунеягъэм, цIыху гъащIэм, уеблэмэ дэтхэнэ зыми, къыщыпэщылъ лэжьыгъэм и философиекIэ узэщIа а усэ сатырхэм куэдым урагъэгупсыс.

Усэ
Мэву, мэушэ къуршыпс цIыкIур.
Ар къызогъахъуэ си пэгун.
Утхэжкъым псы пэгуным итыр,
И бзэ жьгъырури еубыдыж…
Сохьыж ар псыми хызокIэж.
Джэгун щIедзэж абы аргуэру,
Мэву, мэушэ, мэкъуейщIей,
Мэхъуж нэщхъыфIэ, йожэх уэру,
Пэгун IущIамэ, зыщедзей.

1 езыгъ. «Умытхэу плъэкIынумэ – умытхэ», – жиIэгъащ Лев Толстой. А псалъэхэм яхэлъ гупсысэр куэд щIауэ зэхищIащ Къагъырмэсым. Бориси мытхэн зыхузыфIэмыкIхэм ящыщщ.

Ар зыхуэусэр езыр куууэ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэрщ. Абыхэм ящыщ зыщ анэдэлъхубзэр фIыуэ лъагъуныр.

«Си бзэр»
(Усэ)
Уи къуэпсхэр, си анэдэлъхубзэ,
Сипкъ псом игуэшауэ сопсэу.
Уэрщ лIыкIуэу иIэххэр си гупсэм,
Ущохъу си тэрмэш къэрал псом.
Насып я нэхъ иныр сиIами,
Зым щыщкъым, хъум си бзэр сIурах…
Сэ псалъэ Налшык щыжысIамэ,
Иджы ар Москва щызыхах.

2 езыгъ. Ди усакIуэ псоми хуэдэу, Бориси и усэ нэхъыфIхэм зыщыхуегъазэ зыщалъхуа лъахэм. УсакIуэм сыт щыгъуи зэхещIэ абы и щIыхуэ игъащIэкIэ хуэмыпшыныжыну къызэрытехуар. ГъащIэм цIыхум кърита псом ящхьэжщ щалъхуа унэр, адэ жьэгупащхьэр, къызыдэхъукIа къуажэр.

1 езыгъ. Лэскэнщ къыщыщIидзар Къагъырмэсыр нэгъуэщI щIыпIэ куэдым хуэзыша лъагъуэм, и творчествэм къуэпс хуэхъуами гукIэ сыт щыгъуи зыхуегъазэ. УсакIуэм и дежкIэ Лэскэн мэзри щалъхуа щIыналъэм инабдзэщ. Арыншамэ абы и гъащIэр псэншэщ.

Усэ
МафIэгукIи лъэсуи къэскIухьауэ
Уи деж аргуэру сынокIуэж,
Сэ сфIощIыр уи губгъэн къэсхьауэ,
МыпыIэ си гур, мызэгъэж.
ЩыIащ Iуэху гугъухэм сыщыхэхуэ.
Гъуэгу сызэрыкIуэр щысфIэкIуэд,
Сыкъэдзыхам – си гъуэгу бгъэнэхурт,
Зэхэсхт укъаджэу: «УкъимыкIуэт!»

2 езыгъ. Техьэ-текI Iэджэу захъуэж цIыхум и гурыщIэхэм. Ауэ абыхэм къатекIуэ гукъыдэжым дапщэщи хэкIыпIэу иIэр щIым и берычэтагъырщ, дунейм и дахагъырщ, цIыхубэм и гуащIэдэкI узыншэрщ. Гурылъ-гуращэхэм я къэхъупIэр гъатхэ щIэращIэм и нэщэнэ насып пэлъытэхэрщ, и хэкум и теплъэ гухэхъуэхэрщ.

«Март»
(Усэ)
Махуэ къэскIэ махуэм хохъуэ.
Жэщ бэуэгъуэр мэхъу нэхъ кIэщI.
Гъэмрэ щIымрэ Iей зэщохъур,
ЗэхэкIынущ щIы уи фIэщ.
Шындырхъуоуэ, псыхьэлыгъуэ
ЦIыкIухэр пабжьэхэм яхэсщ.
Мис уэс гуащэм и лIэжыгъуэр
ФIамыщIынэхэр къыхож.
Мес сабийхэм кхъуафэжьейхэр
Шэд инахэм щрагъэс.
Нэхъ дыгъапIэхэм щэIжьейхэм
Щызэхуосыр махуэ къэс.
Гъатхэ къакIуэм и удзымэр
Хуэдэщ Iэщым къыщIихьа.
Псыхэр гъуэжьщи ещхьщ махъсымэм:
Зэрызохьэр щхьэр щаIхьау.

«Гъатхэ къару »
(Усэ)
Иджыри щIэтщ ди нэгу щIымахуэр
ИтаIни еплъыт мы дунейм:
Еубыдыр хуабэм бжьыпэр нахуэу,
Щымышынэж ар щIыIэ нейм.
ХуащIам ярейу абы унафэ,
Псым мыл щыгъыныр зыщехыж.
Мэхъу махуэ къэс щIыр нэхъ щIалафэ.
Удз цIыкIухэм я щхьэр къаIэтыж.
Куэд мыщIэу жыгхэр къэгъэгъэнщи,
Дунейр щIэщыгъуэ сыткIи хъунщ,
ЩхъуантIагъэр щIым зыщитIэгъэнщи,
Ди мэзхэр щIым яуфэбгъунщ.
Апхуэдэщ гъатхэ къару лъэщыр:
Къэсам и пIалъэр – тепщэ мэхъу.
Ар дыгъэрщ сыткIи зыузэщIыр,-
Ныбжьэгъу ухуейм – мис ар ныбжьэгъущ!

1 езыгъ. Къагъырмэс Борис зыщыщ усакIуэ щIэблэм фIыуэ ящIэж зауэр, зауэ нэужь илъэс гугъухэр. Абы и ныбжьыр илъэсихым итт, Хэку зауэшхуэм щыщIидзам. Хэкур зыхъумэж цIыхухэм яхэту зауэм кIуат Борис и къуэш нэхъыжьымрэ и адэ къуэшихрэ. А илъэс гугъухэм теухуауэ Къагъырмэсым итхыжащ усэхэр, поэмэхэр, рассказхэр. Ди псэм дыхьэу деджащ «Гуауэмрэ губжьымрэ» поэмэм. Ар теухуащ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ди республикэм и цIыхухэм, партизанхэм, зауэм Iутхэм зэрахьа лIыгъэм, гуауэу а зауэм къытхуигъэнахэм.

«Гуауэмрэ губжьымрэ»
(поэмэм щыщ пычыгъуэ)
Зы махуэм махуэр кIэлъыкIуатэу,
ЕкIуэкIырт зауэр, цIыху хэкIуадэу.
ЗэщIэплъэрт нэхъри бэнэныгъэр
Ди Хэку и цIыхухэм инт я лIыгъэр.
Хуей хъуат фашистхэр икIуэтын,
Ялъысти лъэщу ди удын.
Хуэхъуау кIуэдыпIэ Сталинград,
Бийм къытещахэрт и мурад.
Бакуи Грозни нэмысауэ,
Ар икIуэтыжырт, игъэзауэ.
Дыгъужьым хуэдэу къызэпхъуэкIт
Iисраф дищIыни хузэфIэкIт.
Арати, хуейт еуэн нэхъ хуищIэу,
Удын дэндежи щызыхищIэу,
Армыхъумэ бийм мурад ищIар
Хъун щхьэ и Iуэхур нэхъ хуэщ1а,
Дзэ куэду Iуишэу Сталинград,
Ар иубыдыныр мис арат.
Ди партизанхэм я къалэнт
Бийм и къарур къагъэтIэсхъэн.
Декабрь мазэт. Жэщыр уейт.
Нэсын щэху дыдэу гупыр хуейт
Мэзыщхьэ бгитIым яку дэс къуажэм,
Ди ц1ыхухэм я лъыр бийм щигъажэм –
Лэсчэн езанэм. Бийм теуэн,
Абы и техникэр къутэн,
Лъэсыдзэм хуищIэу хэгъэщIын,
Я1ыгъхэр гъэру хуит къэщIын, -
Унафэр арти, гупыр кIуэрт,
Ялъагъум адкIэ я гур плъэрт.
Хьэзырт дэтхэнэри, хуей хъумэ,
Итыну псэр, и Хэку ихъумэу.
ИIэтырт ахэр гушхуэныгъэм –
ЩIигъэIэрт бийхэр дэ ди лIыгъэм.

«ЗауэлI усэ»
(Щоджэнц1ык1у Алий и фэеплъу)

Хьэзыр атакэм зыхуащIауэ
Командэм пэплъэрт ди сэлэтхэр.
Окопэ блыным егъэщIауэ
Зэуэл-IусакIуэм усэ итхырт.
Абдеж командэм дэтэджауэ
Сэлэтхэр бгъэкIэ бийм пежьащ.
Ныкъуэтхыу усэр къигъэнауэ
ЗэуэлIым Iэщэр икъузащ.
ХуэIэзэт фочми рифмэм хуэдэу,
Бий гущхьэм тIумкIи ар лъэIэст.
И лIыгъэм тхыгъэр ищIу быдэ
Фочыншэу усэхэр игъэпст.
Зауае гуащэIм ар ажалым
КъикIуэт имыщIэу щыIущIащ.
ЩIитащ и Хэкум псэр зэуэлIым,
АбыкIи усэр нитхысащ.

«Ар псэухэрщ зыщ
Iэр.»
(Усэ)
ЩIидзауэ зауэм, лыгъэ гуащIэм
Ди щIыгур ищтэу щыхуежьам,
Ятащ ди щIалэ куэдым гъащIэр,
ТкIийуэ пэуври бий къежьам.
Егупсысакъым ахэр хъуным
ЛIыхъужь, е орден къратыным,
Е вождыр гуапэу къехъуэхъуным.
Хуеякъым зыри псэр итыну,-
Псэуну хуейт дэтхэнэ зыри,
ФIы дыдэу гъащIэр ялъэгъуат,
Зыгуэрым щхьэкIэ лIэн хьэзыру,
Абы хуэпабгъэу къэмыхъуат.
Гъунапкъэм щащIэрт я къулыкъур
ЗэфIэкIмэ ар, я деж кIуэжынт,
Зылъахыжынт сэлэт шырыкъур,
Мамыр лэжьыгъэм хыхьэжынт.
Ауэ щыщIидзэм зауэ гуащIэм,
Абыхэм хэдэ яIэжакъым…
ЖаIами: «Сталин иугъащIэ!»-
ЩаукIым, ягу ар къэкIыжакъым.
КъэкIахэр ягу я анэрт, адэрт.
Арами, пэжыр зэтхъуэкIат,
ПцIы тIэкIу дыупсрэ ар къытхуадэм
ДыгуфIэу дэ дыкъекIуэкIат.
А псор хэт зыщIэр лIахэм щыщу,
Дэращ, щIым тетхэрщ,зыщIэр ар.
ДобзыщI итIани, зыдгъэIущу,
Сыту гугъущэ узэсар!

«Сэ зауэлIым сеупщIат.»
(Усэ)
– ЖыIэт: зауэм ущыхэтым
Сыт уиIар хъуэпсапIэ ину?
– Зауэ гуащIэм кIэ игъуэту
Хуит ди Хэкур къэхъужыну.
– ЖыIэт: бийр къыщобгъэрыкIуэм
Хэтыт пхуэхъур щIэгъэкъуэн?
Си ныбжьэгъухэрт.ЗытемыкIуэ
Ныбжьэгъугъэр щымыIэн!
– ЖыIэт: къэхъурэт ущышынэ,
Зауэ лыгъэм ущыхэтым?
– Сэ сышынэрт гъэр сыхъуну,
А зырт си гур хэзыгъэщтыр.
-ЖыIэт: сытым уегупсысрэт
Ущыхэтым зауэ жагъуэм?
-ТекIуэныгъэр псынщIэу къэсу,
Сихьэжыным си унагъуэм.

2 езыгъ. ТекIуэныгъэ къэзыхьа сэлэт… Ди Анэ-лъахэр и псэ емыблэжу ихъумащ абы. Сыт хуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ, къарурэ шыIэныгъэрэ пхэлъын хуей лъыгъажэ зауэм уи щхьэр Iэтауэ, напэм уемыпцIыжу укъыхэкIыфын папщIэ.

1 езыгъ. ТекIуэныгъэ къэзыхьа сэлэт…Абы и фIыщIэщ нобэ мамыр дыгъэ къызэрыттепсэр. И сабиигъуэм зауэ гуащIэр зи нэгу щIэкIа усакIуэм дежкIэ мамырыгъэр лъапIэ дыдэщ икIи ар хъумэным псори къыхуреджэ.

«Мамыр жыгхэр»
(Усэ)
Слъэгъуащ сэ,
Зэуэ щIым зиIэтрэ,
Къэуву,
Ещхьу жыг абрагъуэм,
ФIыцIабзэу тIэкIурэ зэфIэтрэ,
Зэтещэхэжу ар шынагъуэу.
Апхуэдэ” жыг”ди щIыпIэм куэдрэ
“КъыщыкIт”зауэшхуэр щекIуэкIам.
И щIагъ щIэхуам
КъыхуэкIуэрт кIуэдыр,
ЩIым бомбэ жыгыр къыхэкIам.
Мамырщ дунейр.
Щытщ жыгхэр уардэу,
Я лъабжьэр быдэу хэту щIым,
Захъуэж я теплъэкIэ и мардэм,
Къэуэжкъым бомбэ е лагъым.
ИтIани,
Си гур сфIэпIейтейуэ,
А жыгхэм сэ сыщIеплъыр сыт.
Дэ мамырыгъэр тхъумэн хуейуэ
Къалэн ин дыдэу къытпэщылъщ.
Дыхуейкъым бомбэм ди щIыр ивэу,
Ажал жыг фIыцIэр къремыкI,
Ди мамыр хадэм ар къиувэу
Ихьын ди гъащIэр лъремыкI!

2 езыгъ. Дунейр дахэу щытыныр, хуэфащэу абы тетыныр, нэхъыфIым, нэхъ дахэм хущIэкъуныр, цIыхугъэ лъагэм и щапхъэу щытыныр сыт щыгъуи и хъуэпсапIэщ усакIуэм, аращ гъащIэм и пщалъэу абы игъэувыр, игъэлъапIэр, гурыщIэ псалъэхэр щIызэпищэр.

 «Дунейр хьэщIапIэщ.»
(Усэ)
Дунейр хьэщIапIэщ, дэ дыхьэщIэщ,
Ди пIалъэр икIмэ, дежьэжынщ,
Мы щIым тет псори къэзыгъэщIым
НэхъыфIкIэ, дауи, дихъуэжынщ.
Сыхуейщ сыт щыгъуи Дуней дахэм
Къытехьэ псори щыдэхэн,
Хагъахъуэу фIыгъуэу дэ длэжьахэм,
Щымыхъуу зыри насыпхэн.

1 езыгъ. Нобэ зи цIэр фIыкIэ жытIэ Къагъырмэс Борис узыншэу, къару, гукъыдэж иIэу, лъэпкъым хуэщхьэпэу иджыри куэдрэ, куэдрэ псэуну, ди тхылъеджэхэр дяпэкIи игъэгуфIэну дохъуэхъу. Абы зыхуэдгъэзэну дыхуейт езы Борис и псалъэхэмкIэ:

Сэ сщIэркъым къыспэплъэр, си Усэ,
ИтIани узотх, семызэш,
Узот си гурыщIи гупсыси,-
ИрикIуэ уи гъуэгу, къыумыгъэш.
Пхэлъыххэм къару, мы зы закъуэр
КъысхуэпщIэм – уи Iуэху зэфIэкIащ:
Уэ къоджэм къицIыхуу си макъыр
Ухъуфмэ – си кIэныр къикIащ.